Ет?уанэ махуэм Сырыхум и гупым щыщ щ?алэ ц?ык?уищ къак?уэри, джэдык?эмрэ хьэжыгъэмрэ яхьыжащ. Улэ хьэблэм дыхьэри джэдык?э къыхихат, хьэжыгъэр, хъарзынэу, езым я?эти, пэгунит?ым из ищ?ыжащ. Майе къыхураша жьынду быным къуажэр зэщ?ащтащ, зы хьэблэ къамыгъанэу зыдагуэшащ. Иджы, пщыхьэщхьэ хъуамэ, пк?эунэ къэс жьынду къыщыджэрт. Жэщым дзыгъуэ ещэрт, жумэрэн ирихьэл?эми, заусыгъуэджэнутэкъым, зы макъ имыщ?у нап?эзып?эм теуэрти къаубыдырт. Я пкъыр и п?эм имык?ыу я щхьэ хъуреишхуэ ф?эк?эрэхъухьымрэ жэщми махуэми зэхуэдэу ф?ыуэ зылъагъу я нэ жанымк?э яхуэшхыну дэнэк?э щы?эри зэра?эщ?эмык?ынур уи ф?эщ ящ?т. Ахэр мэзми тыншу щыпсэуфынут, уеблэмэ бажэ, тхьэк?умэк?ыхь шырхэмк?э загъэтхъэжыфынут, ауэ ц?ыхум пэ?эщ?э защ?ыркъым – жэщ хъуамэ, я пщ?ыхьэп?эхэм зыхагъахуэурэ жейм хэтхэр къыхагъэщтык?ыныр яф?эф?щи.
Уэгъур и?ыгът, дыгъэр нэхъ гуащ?эжу къепсырт, Сосрыкъуэ и напэ?элъэщ?ыр иджыри зэ къащтэну ?эбэри, зейм ягъуэтыжакъым. Апхуэдэ къэхъуныр лъэпкъым дежк?э напэтехыу къэнэжыртэкъым, ар ик?и гузэвэгъуэт. Зэрамыхъумэфам и нэлат къатехуэнк?э къэшынахэщ. Ар пхъуантэм къыщыдаха махуэм хэт сымэ щыпэк?уа пщ?ант?эм? Зэрызыххэу ягу къагъэк?ыжырти, апхуэдэ зыщ?эфын хагъуатэртэкъым, Сосрыкъуэ и напэ?элъэщ?ым дзыхь ищ?у е?усэн абыхэм яхэттэкъым, ящ?эрт, е?усэмэ, къазэрыхуэмыгъунур. Япэщ?ык?э псыхъуэмк?э къик?а сабий дыгъэрыжьэ гупыр хабжэхатэкъым, ауэ я хьэблэм гурыщхъуэ зыхуащ?ын щыхамыгъуатэм, абыхэмк?э мыгупсысэу хъуакъым. ?эф?ык?эр къахущ?эзыха нысащ?эр т?эк?у ядэуэршэрат гупми, абы ищ?эрт нэхъыщхьэу яхэтар зэры-Нуцэр, псыхъуэмк?э зэрыщыпсэур. Ар игу къинэжат щ?алэ ц?ык?у и гугъар хъыджэбз ц?ык?уу къызэрыщ?эк?ам щхьэк?э. Куэдрэт, къагъуэтащ, пкърыупщ?ыхьащ. Къыпахар гъэщ?эгъуэнт: напэ?элъэщ?ыр сэ къэсщтакъым, ауэ здэщы?эр сощ?э.
– Къэбдыгъуауэ аращи, къыдэтыж! Мылицэм уедгъэшэнщ! – къытракъузэрт хъыджэбз сырыхум. Нуцэ и нэхэр щ?ригъэлъафэурэ къажри?ащ:
– Сыгужьеймэ, сагъэшынэмэ, си щхьэм илъыр йохужри псори сщогъупщэж, мылицэм севгъашэмэ фи хъыдан т?эк?ур здэщы?эр сщыгъупщэжынущ. Абы щыгъуэм, фыпык?ащ.
Балигъхэм яф? зыкърашэжащ, сабийм дахэк?э напэ?элъэщ?ыр къы?эщ?эгъэк?ыжын хуейщ, лъэпкъым ди напэр темык? щ?ык?э, жа?эри.
Дахэ защ?эк?э щепсалъэм, ?уэхур апхуэдэу тыншу зэрызэф?эмык?ынур къажри?ащ. Къалъыхъуэр къагъуэтыжын папщ?э, и анэшхуэм ф?адыгъуа ?эрыгъадэ маршынэм и п?эк?э лъакъуэрыгъадэ къыхуащэхужын хуейщ. Нуцэ псэлъэк?э къызэкъуихат:
– Сосрыкъуэ и напэ?элъэщ?ым езым зыфф?игъэк?уэдауэ аращ, лей зытехьэм фыкъыщхьэщыжыртэкъыми. Нанэ и ?эрыгъадэр зыдыгъуар зэрыкъуажэу ящ?эрти, зыми жи?акъым къритыжын хуейуэ. Иджы сэ шхын щхьа солъа?уэри сыдэтщ.
Нуцэ и гуныкъуэгъуэр Къудан хьэблэ къик?ахэм я щхьэ хуахьакъым, ауэ яф?эк?уэдар къа?эрыхьэжыныр ?эмалыншэти, сыт ящ?энт, къащэхуащ лъакъуэрыгъадэ маршынэр. Нуци и гуращэр къехъул?ати, маршынэр къэзышахэм яжри?ащ:
– Напэ?элъэщ?ыр езыр нэк?уэжащ, фи ду щ?агъым щ?элъщи, къэфщтэж, дзыгъуэм ямышх щ?ык?э.
Майе и жьынду быным къуажэм зы дзыгъуи къыданатэкъым, хъыдан к?апэр абыхэм яшхынк?э шынагъуэ щымы?эми, и п?эм илъыжмэ нэхъыф?т – уэшх занщ?эу къыщ?емышхар арат, напэ?элъэщ?ыр здэщымылъыпхъэ щылът, зыхъумэн хуеяхэр теплъэкъук?ат. Иджы ари зыдэлъа пхъуантэм дагъэзэгъэжащ, гукъеуэ зи?а сабий мэжэщ?ал?эми и гур псэхужащ. А жэщ дыдэм уэшх къешхащ, зимыгъэнщ?ыжу щ?ыр жэщищ-махуищк?э ефащ уэшхыпсым. Жэщищми Майе и пэм лъырэ шынрэ къыщиудурэ къижащ. Лъыр плъыжьу къыщижым, уэшхыпсыр гъуабжафэт, ит?анэ уэшхыпсыр плъыжь хъурти, пэм къижыр гъуабжэ хъурт. Ауэ апхуэдэ щек?уэк?ыр Жануэс и пщ?ыхьэп?эрат, жэщищми къытригъэзэжурэ. Жьынду хужьыр пщ?ыхьэп?эм къыхыхьэу зэпиудыху аращ нанэр зэпщ?ыхьар…
…Къык?элъык?уэ гъэмахуэм зи еджап?э щ?эт?ысхьэгъуэхэр хатхык?ыу къыдыхьати, Майе егъэджак?уэ хъыджэбзит?ым ябгъэдэлъэдащ:
– Сэри сынэк?уэнущ еджап?эм!
– Илъэс дапщэ узэрыхъур?
– Илъэсих.
Майе зыми зыри жри?акъым, гъунэгъу фызыр адэ-анэм къахуэгуф?ащ:
– Майе губзыгъэ дыдэ зэрыхъуа, хэзытхык?хэм ябгъэдыхьэри, сэри седжэну сыхуейщ, жи?эри, заригъэтхащ!
Хъыджэбзит?ым сабийр ягъэгушхуэну ятхами, и ныбжь нэмысауэ ящтэнутэкъыми, Пагуэ еджап?эм к?уэри ягуры?уащ. Адэ-анэр зэдэарэзыт: гукъыдэжыр зэпаудмэ, еджэну хуэмеижынк?э хъунущ.
Бжьыхьэпэ мазэр къэсри, Майе еджап?эм яшащ. Классым щ?ыхьэри, япэу къилъэгъуар Сырыхущ. «Си деж къэгъэт?ыс!» – елъэ?уащ егъэджак?уэм. Майи зыхуеиххэр арат.
Еджап?э нэужьым Нуцэрэ Майерэ уэрамышхуэмк?э зэгъусэу кърик?уэжырт кхъэм хуэгъэза уэрамдэк?ым нэс, адэк?э Нуцэ къуажэ щ?ыбымк?э игъазэрт, Майе – къуажэ гупэмк?э. Зэгуэрым, уэшх къешхарэ ят?эу, к?уэр здэк?уэм емыгупсысыщэурэ, здэзышэр здишэм иримыгузавэурэ, Майе Нуцэ щ?ыгъуу «нэмыцэ унэм» нэс к?уащ. «Мыбы нэс укъэк?уауэ ук?уэжыну? Нак?уэ, ныщ?ыхьэ!» – жи?эу Нуцэ щытригъэчыныхьым, ят?э къызыпыт?эт? и вакъит?ыр лъигъэпк?ри и ныбжьэгъум яужь иту щ?ыхьащ. Пэш ц?ык?уит?ыр а зэрыщыта дыдэщ, Ребеккэ, япэми ещхьу, п?экум исщ. Хьэуэ, зыгуэр щ?эуэ къыщок?уэк? мыбы – лъакъуэрыгъадэ маршынэ щ?этщ! Щыгъын ныкъуэд куэд блыным хэук?а гъущ? ?унэхэм ф?эдзауэ ф?элъщ, щ?ы?утелъ нэгъунэ хэлъу. Нэмыцэр иублэжауэ мадэ. Майе къыхуилъащ: