Ат?э гупсысэк?эк?и лъэк?ыныгъэк?и зэмыщхь ц?ыху ц?ык?ур зытек?ута дунейр сыт хуэдэу дигъэлъагъурэ Къаныкъуэ Заринэ? Романым дащыхуозэ лъэхъэнэжьым и к?эух зэхэзэрыхьам хэпсэук? ц?ыху къызэрыгуэк?хэм, унафэ т?эк?у зы?эщ?элъхэм, къуажэхэм я теплъэм гу лъыдегъатэ, къалащхьэми дыщегъэгъуазэ. Абы къыхохьэ мэгъугъэр, адрей къэхъу псоми къыдэк?уэ хуэдэу, ауэ псоми гу зылъамытэу, я нэк?э ямылъагъуу. Авторыр хущ?экъуркъым а мэгъугъэмк?э и романыр топышэ къэуа ищ?ыну: къыгуро?уэ къару зэмыщхьхэр щызэблэк? дуней зэмыщхь зэрыщы?эр. Сюжетым сыт хуэдэу зимыгъазэми, тхак?уэм и къэ?уэтэк?эр зэрызэхэщ?ык?ыгъуэщ, зэрымамырщ. Къыжы?эпхъэщ мэгъугъэк?э узэджэну романым дызыщрихьэл?эр ?уэры?уатэу лъэпкъым къыдэгъуэгурык?уэу зэрыщытыр: джэду зызыщ?ыф уд фыз, уд зэхуэс, пэшэгъу, алмэсты… Абы къыщ?ыгъуащ щ?эныгъэм пыщ?ахэм я дунейлъагъук?э: хэти здэмык?уэфын дуней телъыджэ щы?эщ, ц?ыхур жэнэтк?э зэджэм хуэдэу, ауэ ар къэзыгъуэтыфынур гурэ псэк?э къабзэрщ, зи щ?эныгъэр абы нэсаращ. А щ?ып?эр куэдым зэрахъуэпсап?эр къыхощ Хэку зауэшхуэм щыгъуэ ?уащхьэмахуэ лъапэ нэмыцэхэм щрагъэк?уэк?а къэхутэныгъэу романым къыхэщыжым. А дунейм и щ?ыхьэбжэр фашистхэм къахутэныр пц?ыт, сыту жып?эмэ, хъыбархэм къызэрыхэщымк?э, зи гур ек?э гъэнщ?ахэм, лъы зыгъажэхэм ар зэи яхузэ?ук?ынутэкъым. Романым урешал?э гупсысэ пыухык?ам: узыхущ?экъур къохъул?эн папщ?э уи гупсысэк?и ?уэху блэжьи къабзэу, пэжым утету, узыхущ?экъур ц?ыхум я щхьэпагъ зыхэлъу щытын хуейщ. Щ?ы хъурейм щытепщэну хущ?экъу, абы щхьэк?э адрей дунейм щызек?уэ гуащ?эр къэзыгъэсэбэпыну зи гуращэм ар къехъул?энутэкъым.
Романым и л?ыхъужьхэм ящыщу нэхъ удэзымыхьэхщ Пагуэ. Нэщхъыцэу, гуф?эк?э имыщ?эу, щхьэпагъышхуи къыпымык?ыу, ф?ыщэу къэзылъагъуи и хъуреягъым щымы?эу долъагъу. Пагуэ мэлажьэ, и лэжьыгъэм мылъку лей къыхихыну, абык?э къулей зищ?ыну пылъкъым. Ф?агъыу къэтлъытэ хъуну п?эрэ а щытык?эр? Ар ф?агъмэ, сыт ик?эм-ик?эжым ?эрыубыд щ?эхъур, лъэхъуэщым щ?ихуэр? Хэлъщ абы и гъащ?эм тезыр щ?ихь хъун къуаншагъэ. И лэжьыгъэр игъэзащ?эми, иригъэф?эк?уэну, къепха лэжьак?уэхэм я гъащ?эр нэхъ тынш, нэхъ лъыта ищ?ыну игу къэк?ыркъым. Къыхуащ? и унафэщи, и пщэрылъым къриубыдэр егъэзащ?э. Коммунист партым хэтщ, ауэ гупсысэ шэщ?а гуэрым хишауэ аракъым. Лъэхъэнэм къек?урт ухэтыну. Аращ нэмэз зыщ? и анэм щ?ыпэмыувыр, «сэ сыкоммунистщ, нэмэзыр гъащ?эм хэмызагъэ ?уэхущ, пык?» щ?ыжримы?эр. Хэ?ущ?ы?у мыхъу закъуэмэ, езыр абык?э къамыгъэкъуаншэмэ, аращ зыхуейр. Коммунисту зыщибжыжк?э, къезэгъыркъым и унэ емык?уэл?эжу, унафэ щищ? ?эщ фермэм ц?ыхубзхэр зэблигъэк?ыу тесыныр. Утыку мыхъу хьэрэмыр Пагуэ дежк?э хьэлэлщи, кърегъэзэгъ, елэжь. Мыбы и гъащ?эм къыхохьэ дуней щэхум и зы щытык?э: пэшэгъу и?эщ, къызэрыщ?эк?ымк?э, абы зыкърегъэлъагъу, зэрыгущык?ыгъуэр, ф?еягъ зэрыбгъэдэлъыр, к?ыф?ыгъэр нэхъыбэу зэрыхэлъыр и нэгу щ?егъэк?, зыкъыпэщ?игъахуэурэ, ауэ Пагуэ зыхуейр зыщ?эгупсысыжыну, зихъуэжыну аракъым, ат?э мо зымыгъэпсэу пэшэгъу мык?уэмытэжьыр к?эрыхумэ, аращ. Унэм щ?эс щхьэгъусэр гурыщхъуэм ирегъэук?, и лэжьак?уэ ц?ыхубзхэм къыхуэжы?эщ?эр лык?э егъашхэ, к?уэрык?уэм тету къыхуэза урыс ц?ыхубзри ф?э?эф? мэхъу. Пагуэ щ?агъэт?ысу тлъагъур нэгъуэщ?щ, ауэ ипэжып?эк?э абы тезыр щ?ихьыр, и к?эр ф?ейм хэщ?ами, коммунист къабзэу зыкъигъэлъэгъуэну зэрел?ал?эрщ.
Уи гур щабэ хуещ? Пагуэ и адэ зауэм хэк?уэдам фэеплъ сын хуигъэувыну ?уэху къызэрырихуэк?ым. Ауэ лъэк?ыркъым, хуэгъэзащ?эркъым. Езы романым къыхэщ гупсысэр армырауэ п?эрэ апхуэдэу щ?эхъур: гуауэу к?уэдащ Нэсрэн, л?ыгъэ хэлъащ, къэдзыхакъым, бийр зыхуей хуэхъуакъым, ауэ апхуэдэ ?энат?э ?утахэр куэд мэхъу. Нэсрэн и закъуэ хэбгъэф?ык?ыныр къемызэгъщ, дауэ апхуэдэ пщ?э къимылэжьми. Къехъул?эну хъунт, щхьэхуещагъэ химылъхьэу, зы химыубыдык?ыу, къуажэм щыщу зауэм хэк?уэда псоми я ц?эр ихъумэну хэтамэ. Зыщ?эгупсысыжыну, къигъэщ?амрэ къилэжьамрэ зэпилъытыжыну щытык?э ихуащ ар – ягъэт?ысащ. Лъэхъуэщым къик?ыжа Пагуэ ук?элъыплъынри гъэщ?эгъуэнщ: сыт и лъэныкъуэк?э зихъуэжа и хьэл-щэным, дэнэк?э зигъэза и гъащ?э гъуэгум, сытк?э гъэнщ?а хъуа и гур, и псэр… Псэуныгъэ зэпэщми насыпми хуэныкъуэр нэхъыбэт а лъэхъэнэм.