Сытым щыгъуи хэк?ып?э къэзылъыхъуэ, и акъылым къызэриубыдк?э ик?и къэзыгъуэт ц?ыхуу долъагъу Нуцэ. И сабиигъуэм щегъэжьауэ, зэрыжа?эу, и щ?акхъуэ ?ыхьэр езым къигъуэтыжын хуейуэрэ къэтэджа хъыджэбзым сыт хуэдэ ?эмалри къегъэсэбэп и ?уэхур дигъэк?ын, зыхуейм и ?эр тригъэхуэн папщ?э. Нуцэ и л?ыгъэк?эщ и анэ Галинэрэ нэчыхьыншэу дунейм къытехьа щ?алэ ц?ык?умрэ унагъуэу зэрыт?ысыжыр. Хъыджэбзым езым къыхехыж псэуэгъу хуэхъунур, я псэуныгъэр к?ыхь мыхъуами. Анэм ещхьу, Нуци бын игъуэтащ, унагъуэ имысу. Иджы, ек?уэк? лъэхъэнэм къек?ур аращи, щэн-къэщэхуным хыхьащ, и хьэлыр къэплъытэмэ, къехъул?эну ущыгугъ хъунущ. Адрей дунейм щызек?уэ гуащ?эхэр зылъэ?эсхэм Нуцэ хиубыдэркъым. Хъыджэбзыр хуэщ?акъым гъащ?эр зэтес щ?ыным ел?эл?эным, абы и гупсысэм къриубыдэр и щхьэ ?уэхур аркъудейщ. Таурыхъми, хъыбарми, дунейм щызек?уэ гупсысэми анэ нэсыр къызэрыхэщым хуэдэщ Жануэс. Пхъашагъи, гурымыкъагъи, тк?иягъ лъэпкъи зыхэмылъ ц?ыхущ. Псэ щы?утк?э, зыгуэри и жагъуэ мэхъу, ауэ ари игъэгъуну хьэзырщ. Жануэс и къуэ лъэхъуэщ хъуам къыщхьэщож, и нысэ урысыл?ым дэк?уэсам к?элъыпсалъэркъым, хущ?эджэркъым, «сабийр Пагуэ ейщ» жи?эу къихьу къыхуэк?уа Галинэ елъэстауэркъым. Жануэсщ Майе къезыгъэлыр, езым и псэр, и гъащ?эр тыхь ищ?у. Адрей дуней хъуэпсэгъуэм къик?ам ещхьщ мы ц?ыхубз гъэщ?эгъуэныр: жи?эри илэжьри нэхугъэ зыхэлъщ, и щхьэм тыншыгъуи, ф?ыщ?и, щытхъуи къыхуилъыхъуэркъым. Хуэныкъуэм и щхьэпагъ иригъэк?ыфмэ, арэзы мэхъу. И псэр щ?итащ, зи псэугъуэр къызэтринэн папщ?э. А тыхьыр игъэпэжу мэпсэу и къуэрылъху Майи. Анэшхуит?ри, сымаджэ хьэлъэу п?эм къыщыхэнэм, зэрихьэжащ, адэмрэ анэнэп?эсымрэ псалъэмакъыншэу ядогъуэгурык?уэ, къэзыгъэна и анэм гужьгъэжьгъ хуищ?ыркъым, Техутэ хуэпэжт, зыхищ?ык? зыпытт. Майещ ?эдэм и дэ?эпыкъуэгъур, Щ?эплъып?эм пэгъунэгъу хъуныр дэзы?ыгъыр. Хуабжьу псэк?э гугъу ехьащ а хъыджэбзыр, адрейхэм ямы?э щ?эныгъэ нэхур и?эным папщ?э. Пэлъэщащ гугъуехьми, къилэжьащ. Иджы зытелажьэр нэхугъэр нэхъыбэу щы?энырщ. Езы ц?ыхур иджыри абы хуэхьэзыркъым, егъэджак?уэ яхуэхъун хуейщ, щ?эгъэхъуэпсыныр, абы щхьэк?э гуащ?э етыныр Майе и пщэрылъщ.
Нэгъуэщ? дуней зэрыщы?эр, мы дунейр къезыгъэлыну хэк?ып?эр абы къызэрик?ынур къагуры?уэу телажьэр е хуэлажьэр ?эдэмрэ Майерэщ. Т?ум я гъащ?эри дунеит?ми епхащ. Я щхьэр я ?уэхукъым, мылъку къик?ып?э къалъыхъуакъым. Ахэр зыхуейм уасэ и?этэкъым. ?эдэм блэбэкъук?ыу хэк?уэда нэужь, Майещ Нэсрэн щ?эныгъэ иритыфыну къэнар. Шэч хэлъкъым хъыджэбзыр лъэк? къимыгъанэу и дэлъхум зэрыдэ?эпыкъунум. Нэсрэн мыщхьэх закъуэмэ, и къэухьыр мы?узэмэ. Мыбдежым щ?эджык?ак?уэм къыхуэнэр гугъэщ. Лъыхъуэм къегъуэт. Дэпщэщми, зэ къегъуэт.
«?уащхьэмахуэ, Махуэгъэпс» романыр зэрытха бзэ гуры?уэгъуэмрэ сюжет гъэщ?эгъуэнымрэ къэплъытэмэ, зи щ?алэгъуэми зи ныбжь к?уэтами ягу нэсын тхылъщ.
СЫМЫЩ?ЭР КЪАСЩ?ЭУ
Мыр си япэ прозэ тхылъщ. Сыкъызэрац?ыхур усак?уэущ, драматургыущ, усэ тхылъий си?эщ.
Роман стхыну сытезыгъэгушхуар, абык?э къысщыгугъар Нинэщ, адыгэ тхак?уэ Щоджэнц?ык?у ?эдэм ипхъу, профессор, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым хамэ къэрал литературэмк?э и кафедрэм куэдрэ щылэжьа си ныбжьэгъу нэхъыжьырщ. Си жагъуэ зэрыхъущи, романым щыщу ?ыхьэ щанэращ Нинэ зэхихар – макък?э сыкъыхуеджащ, и нэм илъагъужыртэкъым, сымаджэт. Си егъэджак?уэр къызэрысщыгугъыр ди литературэм щ?э гуэр хэслъхьэну, тхыгъэ щ?эщыгъуэ утыку къислъхьэну арат. Зэдэ?уар игу ирихьауэ жи?ащ. Тхыгъэр и жанрк?э сытым нэхъ хуэк?уэрэ жыс?эу сыщеупщ?ым: «Хьэуэ, авторский мифу къыумыгъэлъагъуэ, мыр магический реализмщ», – жи?ащ. Сэ япэрейм нэхъ хуэзгъак?уэрт, ауэ литературэм зи гъащ?эр хуэзыгъэпса профессорым ф?ищам арэзы сытехъуащ.
2020 гъэм щ?эздзэри, илъэсищк?э селэжьащ романым. Зэрыт жанрым къыпщигъэхъунк?э хъунущ псори къэзгупсысауэ. Пэжым (фактым) щыщу хэтщ, псалъэм папщ?э: нэмыцэхэр ?уащхьэмахуэ и щыгу зэрыдэк?ар, ?уащхьэмахуэ лъапэ Шамбалэ щ?ып?эр абыхэм къызэрыщалъыхъуар, Тибет къраша ламэхэр. А псом зэгъэу?уауэ мызэ-мыт?эу сыкъыщеджащ Котляров Виктор и ?эдакъэщ?эк?хэм. Ди щ?ып?эхэм якъуэлъ щэхухэмрэ хъыбархэмрэ, илъэс пщ?ы бжыгъэ хъуауэ, жыджэру ик?и гъэщ?эгъуэну къе?уэтэж Котляровым, абы куэдк?э и ф?ыгъэщ сэри абыхэм сызэрыдихьэхар.
Тхылъым и редактор Хьэц?ык?у Рае лэжьыгъэр сыухыху дэ?эпыкъуэгъу, чэнджэщэгъу къысхуэхъуащ.
Жэнхъуэтекъуэ щыщ Бэтит? Мухьэмэд ф?ыщ?э хузощ? ди щ?ып?эц?эхэм теухуауэ зыхищ?ык? куэдым щыщ къызэрысхуи?уэтам, щыуагъэ зыбжанэм гу зэрылъызигъэтэжам щхьэк?э.
Ди ?уащхьэхэм, къуэхэм, псыхэм теухуауэ сызыщыгъуазэр зэрымащ?эр сигу къоуэ, нэхъыбэ къэсщ?эну согугъэ.
Прозэ тхынми дяпэк?э нэхъ сыпылъынущ, мы тхылъымк?э езгъажьэу къысщохъу прозэм и ?уэхур.
ПЭУБЛЭ