Сытым дежи щ?эджык?ак?уэм и нэ?э темык?ыу, адэк?э къэхъунум пэплъэу зык?элъызеплъэр Пагуэрэ Улэрэ япхъу закъуэ Майещ. Сабий псоми зэремыщхьыр унагъуэм я гуныкъуэгъуэурэ къэжэпхъащ Майе. Псэлъэгъуейт, зыгуэр щыжи?эми, ?уэхум щымыщ хуэдэут къазэрыщыхъур. Ауэ и щытык?эм уригъэгупсысырт хъыджэбз ц?ык?ум зыми имыгугъа гуэр къылъыкъуэк?ыну. Апхуэдэ гугъэм и къежьап?эр иджыри сабийуэ Техутэ жри?э псалъэхэрщ: «Умыгузавэ, уи анэшхуэр щ?эх л?энукъым». Пасэу зеиншэ хъуа Техутэ и анэшхуэм тегужьеик?ат, ар л?эмэ, сэ дауэ сыхъуну, жи?эу егупсысырейт. Пагуэ и адэ Нэсрэн фэеплъ хуигъэувыну хуейуэ ?уэхум къегъэзахэм захуигъазэу, я арэзыныгъэ къилъыхъуэу къыщык?элъик?ухьым ирихьэл?эу Майещ зауэм хэк?уэда сэлэтхэм я хьэдэ къупщхьэхэр къэзыгъуэтар. «Плъагъурэ, я ц?эр яхъумэн къэгъэнауэ, я щ?ы ?ыхьэ ирамыгъэгъуэтыжауэ щы?эр зыхуэдизыр?» – жи?э хуэдэт. Дунейхэм я зэпылъып?эр, «щ?эплъып?эр» къэзылъыхъуэ ?эдэм дэ?эпыкъуэгъу хуэхъур Майещ. Къыгуро?уэ: ?эдэм а къилъыхъуэр къигъуэтамэ, гъащ?эр нэхъ дахэ, нэхъ купщ?аф?э хъунут, нэхугъэр щ?ым тез хъунут. Упщ?эхэм я упщ?эж жыхуа?эм хуэдэр зэпхар ?эдэмщ: апхуэдизу шэщ?ауэ и гуращэм телэжьа щ?алэр абы щ?ылъэмы?эсар, «щ?ыблэбэкъук?ар» сыт? Гъащ?эм философие лъэныкъуэк?э уезыгъэгупсысынщ ?эдэм епха сюжет унэт?ыныгъэр.
Щ?эныгъэр лъап?эныгъэу зэрыщытыр мы романым къыщы?эта проблемэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ ик?и л?ыхъужьу хэтым я гъащ?эр хъуами мыхъуами, щхьэусыгъуэр щ?эныгъэм ешэл?эжащ. Щапхъэу къэтхьынщи, Майе тхылъ хъумап?эр лэжьап?э щ?ыхуэхъур щ?эныгъэщ?эхъуэпсщи, аращ. Езым щхьэщыт нэхугъэр къызыхэк?ри зэрыдахэщ?эхъуэпсырщ. Псалъэшхуэ жи?эркъым, утыкуак?уэкъым, ауэ и унагъуэми, и лэжьап?эми, и хъуреягъым зэрахущытк?и щхьэхуещагъэ жыхуа?эм хуэхейуэщ. А псом къыдок?уэ щэху гуэрхэм пыщ?а щ?эныгъэ зрипэсахэм Майе зэрахэтыр.
Щ?эныгъэр ходэ, хэти к?эрыпщ?эркъым, хэти къехъул?эркъым. Техутэ къехъул?энут сурэтыщ? ?эзэ хъуныр, ерыщу бгъэдэтамэ, хъуапсэр къытек?уамэ. Щхьэусыгъуэ лъыхъуащ, еджап?эм имыгъэзэжын папщ?э. Абдеж щежьэри, и гъащ?эр зэпэныкъуэу ек?уэк?ащ: щ?эныгъэ ныкъуэ, лэжьап?э ныкъуэ, насып ныкъуэ. Техутэ и гъащ?эм купщ?э хэзылъхьэжар, зэрымыщ?эк?э къыщыжак?уэ хъуну ежьэу, лъэпкъым дежк?э лъэк?ыныгъэ и?эну зыщыгугъ Нэсрэн дуней мамырым къызэрытринар аращ. Техутэ сабийуэ игъэжа ят?агъуэш къомыр жэщ уэлбанэ бзаджэм зэхигъэшыпсыхьыжауэ нэху къыщек?ам, а щ?алэр «псэук?э зыщ?эхэм» зэрыхимыубыдэнум гу лъыдигъатэ хуэдэт. И дэтхэнэ лъэбакъуэри къыгуро?уэж, и щыуагъэхэмк?и зыщымысхьыжу зыкъеумысыж, зегъэкъуэншэж, ауэ абы щхьэк?э къехъул?эр нэхъыбэ хъуркъым, гъащ?эм здригъабэмк?э ебэурэ къогъуэгурык?уэ. ?эдэм гъусэ хуэхъуа нэужьщ Техутэ и гупсысэм зыщиубгъур, къыгуры?уэр нэхъыбэ щыхъур. Романым еджэм гузэгъэгъуэ хуэхъуну п?эрэ Техутэ щхьэ бжыгъэу дунейм зэрытемытар ?упщ? зыщ? ?уэхугъуэхэм щыгъуэза нэужь?
Персонаж гъэщ?эгъуэнщ Улэ. И теплъэк?и и хьэл-щэнк?и удэзыхьэхыу къыхохьэ романым, ауэ къэзылъхуа анэм деж щегъэжьауэ щхьэгъусэ хуэхъуам деж щиухыжу, псори Улэ хуэмык?уэ хуэдэщ, имыгуэгъущ. Ц?ыхубзыр еджагъэшхуэкъым, зригъэпщэн хуэдэу щы?эк?э зэщымыщхэми щыгъуазэкъым, ауэ и гум зыгуэр къелъыхъуэри, ар игъуэтыркъым, а имыгъуэт езыри зыщымыгъуазэр къы?эрыхьауэ къилъытагъэнут псори къызэринэк?ыу урыс щ?эныгъэл?ым и гъусэу щежьэжам. Здэк?уам щызэгъащ, хэзэгъащ, и дуней ?ыхьэ иубыдыжащ. Ипхъу закъуэр дауэ къигъэна, дауэ игу пык?а? Абы и жэуапри игъуэтынущ щ?эджык?ак?уэм. Улэ дежк?э Мэзкуу к?уэуэ гунэс зыщыхъуа ц?ыхум дэпсэуныр, щ?эныгъэк?э, къэухьк?э абы зыдиужьыныр «щ?эк?ып?эт», «щ?эпщып?эт», дунеит?ым я зэпылъып?эт. Къигъуэтащ, къехъул?ащ.
Техутэрэ Майерэ я зэхущытык?эр, абы зэрызиужьыр, зыхуэк?уэр сюжетым и линие нэхъ гъэщ?эгъуэнхэм щыщщ. Пэжыныгъэм, гурыщ?эм и быдагъым, къабзагъым я уасэр къызыхэщщ мы л?ыхъужьит?ым я гъуэгу зэтеублэк?ар.