– Мыр сыт? Уэрамым утехуэркъэ? Зуплъыхь хъуну? Л?ы мыц?ыхур бэлэбанэу зэрыхуэпам тегушхуэгъуаф?э ирегъэщ? Пагуэ: мыр зи теплъэ лэжьап?э ?уткъым, нэхъ ?еижращи, йофэ. Небэкъебэу, делэ гуф?эк?эу къыжьэхок?уатэ езыри.
– Тек?уэтыт, зык?и узи?уэхукъым, си п?эм сыкъыумыш!
Л?ы мык?уэмытэм къепсалъэр хьэ бэнауэ къыф?эмы?уэхуу, и тхьэк?умэм ?эпхъуамбэжьак?эк?э йот?ыхьри щытщ. Пагуэ абы къыпик?ухьыну хуожьэ – мор аргуэру и пащхьэ къохутэж. Пагуэ мэгубжь – мор подыхьэшхык?. Къыпек?ухь, гъуэгум къытренэри адэк?э мак?уэ, «уэху» жи?эжащ… Л?ы мыфэмыцыр и пащхьэм къохутэж.
– Ушейт?ан, зиунагъуэрэ, мыр дауэ?
– Уэ шейт?ан уи ф?эщ хъурэт-т?э?
– Хъуркъым!
– Шейт?ани мелы?ычи щымы?эу аракъэ?
– Щы?экъым!
– Нт?э-нт?э. Коммунист партым ф?эк? зыри уи ф?эщ хъуркъым уэ.
– Си жьэр зэщ?эсхыркъым, мы мыфэмыцми и жьэ зэщ?ихыркъым, дауэ дызэрызэпсалъэр? – йогупсыс Пагуэ, модрейми къыпещэ:
– Еууей, Пагуэ, л?ыку ухъуащ, гу къыслъумытэ зыпщ?урэ. Сэ сы-уэращ. Убзыщ?у, ц?ыхум къебгъэщ?эн ушынэу пхэлъ хьэл гущык?ыгъуэхэмрэ уи ?эужь щ?эпхъумэжахэмрэ зык?уэц?ылъ Пагуэр сэращ.
Л?ы мык?уэмытэм къык?эрих бамэм имыгъэбэуэжу Пагуэ и гур кърегъак?уэ… Хьэуэ, пц?ыщ, абы ?умпэм къыщ?ащ?ынрэ ц?ыхум ящибзыщ?ыжынрэ зэи илэжьакъым. Мыр шейт?анщ, шэч хэмылъу. Коммунистхэм ямыдэми…
Жануэс аргуэру и закъуэщ. Пагуэ къигъэзэжакъым, ?эдэм щ?эк?ыжащ. Нэмэз ищ?ри, нэмэз щыгъэ игъажэу т?ысыжащ.
Мы Т?ыаузым дыгъэр псынщ?эу щыкъуохьэ – лъэныкъуит?ымк?и бгы задэхэр къыщытщ, тафэм деж куэдрэ къыщыптепсэ дыгъэр мыбдеж бгым пасэу пщегъэпщк?у.
Псынщ?э дыдэу пшапэр зэхэуэнущ. Щхьэгъубжэ?упхъуэ гъуабжэ т?эк?ур иригъэк?уэтэк?ащи, пэшыр нэхъ нэху хъуащ.
Жануэс и щхьэ хуошхыдэж: щ?алэм зыхуимыгъэгусами хъунут, куэд и фэм дэк?ащ абы, сабийуэ и нэгум щ?эк?ами ирикъунт… И адэм и ?уэхум ехь нобэми ныжэбэми… И лэжьыгъэр ?ейкъым, партым жи?эр гук?и псэк?и къещтэ, и пщэ къыдэхуэр егъэзащ?э. Ауэ арэзыкъым – и щхьэм хуэарэзыжкъым. И унагъуэ насыпыр-щэ? Къехъул?ауэ жып?э хъуну? Урыс къишэри, зэзэгъакъым, хъыджэбз ц?ык?у щ?эсу иригъэк?ыжащ. Антыхэ къишэжати, ц?ыху ?ей хуэдэкъым, ауэ зыкъомрэ пэплъауэ ягъуэта сабийм зыгуэр зэрилажьэр бэянщ. Къиинщ, жеп?эр зэхимыхым хуэдэщ, псалъэркъым, гуф?эркъым. Зэзэмызи зыкъызэкъуехри, губзыгъэ дыдэу мэпсалъэ, зыгуэрхэми щ?оупщ?э. Ауэ нэхъыбэм гупсысэ гуэр зэригъэзахуэм ещхьу щысщ. Илъэсипл? ф?эк? мыхъуар гупсысэу щысын хуейкъым, и джэгугъуэщ, и псэлъэгъуэщ, сытми щ?эупщ?эу, сытри ф?эгъэщ?эгъуэну… Майе апхуэдэ мыгъуэкъым. И адэанэм зыми гу лъамытэ защ?, ауэ абык?э зэф?эк?рэ? И ныбжьым хуэфащэу зэрыщымытыр нэрылъагъущ. Сабийм лажьэ зэри?эр уи щхьэм щубзыщ?ыжк?э, ц?ыхум ящубзыщ?ыфыну? Къипсэлъ щ?агъуэ щымы?эу илъэсипл?и хъуащ, и ныбжьхэм хэпщ?ык?ыу къак?эроху. Гъэщ?эгъуэнракъэ, зыгуэрк?и йоф?эк?. Мес, тхылъ йоджэф. Абы и ныбжьым къуажэ сабийхэм хьэрф зыц?ыхуу яхэтыр закъуэт?акъуэщ…
Мыц?ыху ещ?. Зыми хуэк?уэнукъым. Садым здэщы?эм махуэ псом гупым щыхэмыхьэ щы?эщ. И анэр зык?и хэмызэгъэжу мэхъури, къык?эщ?эсшурэ, сэ тызогъэуж. Нт?э, сабийр езыр псалъэркъым жып?эу, уемыпсэлъэххэну ара? Сепсэлъащ, таурыхъыу къысхуэщ?эжу хъуари жес?ащ. Псори ф?эф?щ, дымауэ къодэ?уэнущ, уемышу же?э къудей… Иныжь, Благъуэ, Уд фызыжь – ?эджи мэхъу псысэм хэтхэр. Мэз щ?агъ, псы щ?агъ, щ?ы щ?агъ – ?эджэми къыщохутэ ахэр. Щ?ыкъатиблри хэтыжу… Псысэращ игу нэхъ ириубыдэр – сабийщ-т?э. Абы зыри пхуещ?эжынукъым – зэхихар зэхихащ. «Щ?ыкъатибл» жи?эу къыхуашэжащ нобэ, же?эри же?э…
Езыр къыщ?ежэжьа псалъэмакъыр къызэрык?ар Благъуэрат. Садым щы?э сабийхэр Благъуэм щигъэшынауэ къытралъхьащ. Абы зыри хуэгъэшынэнукъым, апхуэдэкъымищытык?эр, сытпц?ыкъыщ?ытралъхьар? Ули ар и ф?эщ хъуауэ къысхуэк?уэжащ. Сэ сыбгъэкъуаншэмэ, нэхъ тыншкъэ?
Ар псори зэф?эк?ащ. Иджы Майе теудахэри и?эу хамэ фызым деж ишэн хуеякъым. Дохутыр къеплъак?эт абы, хуей хъумэ, иджыри къеплъынут.
Еууей, Пагуэ, Пагуэ. Зы къуэ уимы?э, пхъуит? уи?эщи, зыр лъэпкъым хэсыххэкъым, адрейр зэрыхъунур Алыхьым ещ?э, ауэ зэк?э гузэвэгъуэм ухимыгъэк?. Дауэ зэрыхъунур си щ?алэ задэшхуэр? Хэбэкъук?ыу, и щхьэр гъэк?ауэ зок?уэ, зимыгъэщхъыу унэм къыщ?ыхьэ хъуркъым, бжащхьэм жьэхэуэнущи. И бжьыф?агъым хуэдэ и насыпри хъужамэ, сехъул?ати. Щ?алэжь ц?ык?уу и нэгу щ?эк?ар къешынэуэжауэ арауэ п?эрэ и сабийр апхуэдэу щ?эхъуар? Абы и пэжып?эр къыбжезы?эн ?эзи дохутыри щымы?э хъун…
Жануэс и унэжьри и хадэри игу къэк?ащ. Нысэми зыхуигъэгусэжыркъым. Ари анэщ – и быным щхьэк?э гузавэрти псэлъащ. Щ?егъуэжауи къыщ?эк?ынщ. Дяпэк?э езы Жануэси хъыджэбз ц?ык?ум псысэ жри?энкъым, щымыхъунук?э, сыт абы хэлъыр? Ф?эф?ми, хуэмурэ щыужынщ.
Улэ хадэм ихьэри нартыхумк?э хыхьати, жумэрэныгъуэ къилъэгъуащ. Иджы пэгунк?э псы ихьурэ гъуэмирек?э. Жумэрэнкъижмэ, ирищ?энурищ?эркъым, ауэ сытми псы ехь. Ари уэрамым нэс кърихыурэ. Иджыри къэс пщ?ант?эм псы къыдригъэшакъым Пагуэ. Куэд мэхъу ар зыхунэмыс унагъуэ ?уэхухэр. Псы пэгунышхуит?ыр гъуэм иригъэлъэдауэ нартыхум къыздыхэк?ыжым джэду къелъагъу. Улэ ар къец?ыхужри, ауан ищ?у йопсалъэ.
– Къеблагъэ, Хьирэт.