Читаем ?уащхьэмахуэ, Махуэгъэпс полностью

Улэ и щхьэцыр ирежьых, еухуэн, ешыхьыж. И бостей нэхъыф?ыр щет?агъэри лъэдакъэ т?эк?у зыщ?эт и вакъэм тоувэж. Мыр сыт, и ф?эщи? И щхьэ щодыхьэшхыж. Нобэ и джийм зыри ехакъым. И ?упэр гъущ?ащ. И щхьэр мэуназэ. Псы йофэ.

Сыхьэт щ?э?уант?эм йоплъ – жэщ ныкъуэщ. Шэнт щхьэгуэр къещтэ, унэкум ирегъэувэри, къот?ысык?, и гур дэп жьэражьэм хуэдэщ, и бгъэр къресык?, и нэк?ущхьит?ыр къызэщ?энащ. Сыту п?эрэ ныжэбэ къыпэплъэр?..

– Си анэ, къысхуэгъэгъу… Псалъэ уэстат мыпхуэдэ ?уэху сыхэмыхьэну. Сабий закъуэм и узыншагъэщ арэзы сыщ?ытехъуар…

Хьэ парийр хопщ?эук?ри хьэгъуэм йолъэдэж. Пщ?ант?эм мыц?ыху дэтщ – к?ыф?ыгъэр к?ыф?ым къыхэмыщми, псэущхьэм зыхещ?э. Унэбжэр дамэдазэу ?ухауэ къигъэнащи, к?ыф?ыгъэр пшагъуэ-?угъуэ зэхэту щ?оук?урие – псэ джэгур ежьэнущ…

Уэздыгъэри имыгъэунк?ыф?ауэ Улэ хьэзыру щысщ, шэнт щхьэгуэм тесу. ?угъуэ ф?ыц?эм унэгуащэр къеуфэрэзыхь, и лъакъуэм щегъэжьауэ и щхьэм нэс зрешыхьэк?. ?этауэ и?ыгъа и щхьэр зэуэ къыф?оху, и жьэпкъыпэр и бгъэм къытеуэжу – пкъыр къанэри, псэр ирахьэжьащ…

БАХЪЭСЭН

I

Бахъэсэн и ?уфэм къуажэ куэд ?усщ, нэхъ ин дыдэр псыежэхым и ц?эр зыф?ащыжаращ – Майе къыщалъхуа къуажэр. Абдежым ирихьэл?эу къуажэ уэрамхэм псы къыщиж хъуат – щ?ым гъущ? бжьамийхэр щ?алъхьауэ, абык?э къак?уэрт. Хьэблэ къэс гъущ? быдэм къыхэщ?ык?а псы къижып?э хутрагъэуват, ищхьэмк?э къыщытепкъузэмэ, псыр къиут?ыпщу, бут?ыпщыжмэ – иубыдыжу. Псынэпсым хуэдэу къабзэт, ?эф?т абы къижыр, ауэ щагъэувы?э куэдрэ къэхъурт. Апхуэдэхэм деж къуажэдэсхэр псыежэхым псыхьэ к?уэрт – Бахъэсэныпсым иджыри щыужахэтэкъым. Псыхъуэм пэгъунэгъухэр нэхъ къик?ат, ауэ уэрамыщхьэм псы къыщибгъахъуэу удыхьэжыным и тыншыгъуэр къэзыщ?а нэхъ жыжьэхэм иджы гугъуехь т?уащ?эу къащыхъурт Бахъэсэныжь псыхъуэ дыхьэныр. Щ?ымахуэм деж ?эжьэм е шыдыгум зи щхьэ ягъэбыдэж чей ирагъэувэрти, унагъуэри ?эщри зрикъун псы къашэрт. Шыдыгурэ чейрэ зимы?эхэр пхъэхь зэф?эдзак?э к?уэкъэк?уэжу ?утт.

Хъыджэбз ц?ык?ухэм я жагъуэтэкъым пхъэхьк?э псы къахьыну. Псы ?уфэм ?утыху дыгъэ жьэражьэр нэхъ щабэу зыхащ?эрт, псым и шк?уэрашк?уэр макъамэу зэхахырт. Ауэ псом ящхьэр псыхьэ к?уэуэ къэк?уэжыхук?э зэрытеур арагъэнут, я нэгу зиужьт, зэдэуэршэрт. Хьэблэм зэныбжьу дэсыр зэгъусэу к?уэрт, абы щыгъуэм къыдэмык? жыхуа?эм хуэдэу дыгъэм дижьыхьыжауэ псыхъуэм дэс щ?алэжь ц?ык?ухэм зэрахуэзэнури хэтт ?уэхум хуэзымыгъэщхьэхым. Къэхъунк?э хъунури ящ?эрт: къезэуэнукъым, ауэ псы къахьым ят?э, мывэ къыхадзэнущ. Езыхэри, губжьарэ ешауэ, ягъэзэжынщи псы къабзэ кърагъэхъуэжынщ.

Зэгуэрым Майе хъыджэбзышхуэхэм ябгъурыту ежьэри псыхъуэм нэсащ, гъэзэж къыжра?эк?э, емыда?уэу. Майе зыми еда?уэ и хьэлтэкъым, къыжра?эри зэхих-зэхимыхт, жэуапи иттэкъым. Хуейти, к?уащ хъыджэбзхэм я гъусэу. Псыр жыжьэт, арат Майе хуэдэ нэхъ ц?ык?ухэр щ?ызэдамышэр. Майе, сешащи жимы?эу ик?и закъык?эримыгъэхуу, нэсащ псыхъуэм. Хъыджэбзхэм я пэгуныр из ящ?ащ, пхъэхьым палъхьэжри, хуэмурэ къежьэжауэ къыздэк?уэжым, щ?алэжь ц?ык?у дыгъэрыжьэхэр къапэуващ, къазэры?эрыхьэк?э, хэт мывэ, хэт ят?э, хэти вэнвей пэгунхэм хадзащ. Щ?алэжь ц?ык?ухэм зы сырыху нэхъ макъышхуэу, нэхъ ?элу къахэщт. Хъыджэбзхэр къэгубжьри, къапэщ?эхуэ мывэр къащтэурэ яхэуэжащ мо къуейщ?ей гупым. Сырыхум и нат?эм зыгуэр техуэри, к?ийуэ епхъуэжащ, л?ы хъуанэк?эу инуи хъуэнащ. «Пхуэфащэщ, жьэ ф?ей!» – хьэблэ хъыджэбзхэр ик?уэтакъым. Сырыхум и нат?эр зэгуэудауэ лъы къижырти, и ?эгур к?эрикъузауэ и?ыгът, абы къыщыщ?ар къаф?эмы?уэхуу, и гъусахэр щ?эпхъуэжат. Хъыджэбзхэм ф?ей хъуа псыр ирак?утыжри ягъэзэжащ. Майе сырыхум бгъэдыхьэри и щ?ыбым ?э дилъащ. «Сыт уэри узыхуейр?!» – жи?эу къыжьэхэлъа щхьэк?э, Майе къилъэгъуащ абы и нит?ым къыщ?иха гуф?эр. Сырыхур ежьэжащ, Майе, и гъусахэм яхуемыплъэк?ыххэу, абы и ужьым иувэри здэк?уэмк?э к?уащ. Мор къызэплъэк?ри дыхьэшхащ: «Сыт узыхуейр?» Майе, зыри жимы?эу щ?алэжь ц?ык?ум к?элъык?уэурэ, я унэм нэсри чы бжыхьк?э къэхухьа лъапсэм дыхьащ. Унагъуэр зэрыхуэмыщ?ар нэм къыщ?идзэрт. Ят?э чырбыш унэ ц?ык?ур къабзэу зехьат, пщ?ант?эр зэлъы?ухат. Сырыхур къызэплъэк?ыжри, къыхуэгуф?а е къыщыдыхьэшха – Майе къыгуры?уакъым, ауэ къеупщ?ащ:

– Уэ сыт узыхуейр, и? К?уэж, уи гъусэхэр к?уэжащ куэд щ?ауэ! Укъалъыхъуэ хъунщ, хьэблэр зэхыхьауэ!

Фыз гъур к?ыхьым и пэш къыщ?ыхьи и к?ии зы ищ?ащ:

– Уэ дапщэрэ бжес?а щ?алэжь ц?ык?ухэм уахэмыхьэну? Пхуэфащэщ, укъаук?ау арамэ!

– Сэ зыми сиук?ыфынукъым! Мыр сыщ?эпхъуауэ сыжэрэ пэт, сылъэпэрапэри мывэм зэгуиудауэ аращ.

Сырыхур… хъыджэбз ц?ык?ут!

– Пэж мыбы жи?эр? – сырыхум и анэ сырыхубзэр Майе къеплъащ – Уэ дэнэ езыр укъыздик?ар?

– Псалъэркъым ар! – Сырыху гуф?эу и анэм хъыбар ирегъащ?э, я «хьэщ?эр» езым и ныбжьми, и зэф?эк?ыр куэдк?э зэрынэхъ мащ?эр и гуапэу.

– Сабий бзагуэ мы ?эшэлъашэм ису зэхэсхакъым… – ц?ыхубзыр гъуэнэгъубзэу бгъэдыхьауэ Майе зэпеплъыхь.

– Хэт уи ц?эр?

– Тэру Пагуэ ипхъу… – Майе и ц?эр жимы?эу, и адэм и ц?э-унагъуэц?эр жи?ащ – ирагъэсат, гъуащэ хъумэ, апхуэдэу жи?эну.

– Ыхьыы, – фыз гъурыр ик?уэтыжащ. Щ?ыбагъ пэшымк?э щ?эплъэри зыгуэрым жри?ащ:

– Хьэщ?э ди?эщ.

– Хэт? – къэ?уащ ц?ыхубз макъ.

– Пагуэ и пхъур.

– Пагуэжьми?! Мыбы нэс хэт къэзышар?

– Езыр къэк?уащ.

– Езыр ц?ык?укъэ?

Перейти на страницу:

Похожие книги

Сердце дракона. Том 8
Сердце дракона. Том 8

Он пережил войну за трон родного государства. Он сражался с монстрами и врагами, от одного имени которых дрожали души целых поколений. Он прошел сквозь Море Песка, отыскал мифический город и стал свидетелем разрушения осколков древней цивилизации. Теперь же путь привел его в Даанатан, столицу Империи, в обитель сильнейших воинов. Здесь он ищет знания. Он ищет силу. Он ищет Страну Бессмертных.Ведь все это ради цели. Цели, достойной того, чтобы тысячи лет о ней пели барды, и веками слагали истории за вечерним костром. И чтобы достигнуть этой цели, он пойдет хоть против целого мира.Даже если против него выступит армия – его меч не дрогнет. Даже если император отправит легионы – его шаг не замедлится. Даже если демоны и боги, герои и враги, объединятся против него, то не согнут его железной воли.Его зовут Хаджар и он идет следом за зовом его драконьего сердца.

Кирилл Сергеевич Клеванский

Фантастика / Самиздат, сетевая литература / Боевая фантастика / Героическая фантастика / Фэнтези