Нанэ жэз тасыр къигъэуври андез ищтащ, пщэдджыжь нэмэзыр ищ?ри нэмэз щыгъэр и?ыгъыу п?эм ит?ысхьэжащ. Майе и нап?эр зэрык?эзызымк?э къыгуры?уат ар зэрымыжейр, ауэ езыр-езыру къэплъэху и гугъу ищ?ынукъым. Майе мэжеижри куэдрэ къытезыгъэзэж и пщ?ыхьэп?эр елъагъу. К?ыф?ыгъэ гуэрым хэтщи, хуаби щ?ы?и зыхищ?эркъым. Вагъуэхэм яку езыр итщ. Зиплъыхьурэ Щ?ыр къец?ыхуж. Гъунэгъу зыхуещ?, къащхъуэри щхъуант?эри зэхец?ыхук?. Щ?ы щхьэфэм теувэну и лъакъуэ ижьыр ешийри – и лъэтхьэмпэм нэхърэ зытеувэну Щ?ыр нэхъ ц?ык?ущ. Тенджызым хэувэну хуейкъым… Дэнэ иджы здэк?уэнур? Къыздик?ам игъэзэжыну? Ар дэнэ?
Майе и псэм гугъуехь гуэр зэрытелъыр нанэ елъагъури, телъэщ?ыхьурэ къегъэуш. Нанэ и ?эпл?эр сыту хуабэ, и ?э пхъашэхэр сыту щабэ.
– Нанэ…
– Сыт ущ?эгъыр? Уи адэр къэк?уэжынущ мыгувэу, умыгъ…
Майе и адэм к?элъыгъыну игуи къэк?ыркъым. Абы и хьэлкъым зыгуэрым к?элъыгупсысэу, к?элъызэшу. И нэпсыр къыщ?эзыхуар ищ?энур ищ?эртэкъыми аращ. А зы закъуэращ зыгъэдзыхэр – хэк?ып?э щимылъагъук?э, и щхьэр, и пкъыр здихьын щимыгъуэтк?э, зыгъэпщк?уп?э щыхуэныкъуэк?э.
Нанэ хъыджэбз ц?ык?ум зрегъэтхьэщ?, зрегъэхуапэ. ?эдэми къэк?уэжащи, ипщэф?ар ?энэм къытрегъэувэ, ?эдэм шей игъэващи, къахурек?э. Майе и шейм хоплъэ, плъыжьыфэ дахэщ, ?упэм езэгъыу упщ?ы?уащ. Зы ?убыгъуэ ищ?щ, т?эк?урэ и жьэм жьэдигъэтри иригъэхащ. Ет?уанэуи е?убащ, ауэ хуегъэхкъым, и жьэм жьэдэту и?ыгъщ.
– Егъэх, си хъыджэбз ц?ык?у, – мэлъа?уэ нанэ. Дэ дышхащ, уэ шейм уеплъу ущысурэ. Егъэхи иджыри е?уб.
– Майе, ушхэмэ, сэ экскурсие усшэнущ. Умышхэмэ, зыщ?ып?и усшэнукъым. И?э, зыхыумыгъэныж си экскурсием, – жи ?эдэм.
«Экскурсие» псалъэм къик?ыр ф?ы дыдэу ещ?э Майе – зыплъыхьак?уэщ. Зиплъыхьыну хуейщи, шей ?убыгъуэр ирегъэх. Абы ф?эф?щ зыщ?ып?э щашэм деж. Нанэ игъэжьа щ?акхъуэм йодзакъэ, анэшхуэри мэгуф?э. ?эдэм нобэ и зыгъэпсэхугъуэ махуэщи, и хьэщ?э ц?ык?ур тригъэуну хуейщ, дауэ махуэ псом унэ блынджабипл?ым щып?ыгъын сабийр… И къуэшыр здэк?уар ещ?э, ар щ?эх къэк?уэжынукъым. Нанэ къуэрылъхур ихуапэри ?эдэм къы?эщ?илъхьащ:
– Мыбы хуэсакъ. Жыжьэ фымык?уэ, жьапщэщ.
– Мы щ?ып?эр сыт щыгъуи жьапщэщ, ар дызэсэжа ?уэхущ.
Къалэм сабий щытебгъэун и?экъым. Аращи, ?эдэм сабийм и ?эпэр и?ыгъыу лэжьак?уэхэр ?узыш маршынэм ит?ысхьэри шахтэм к?уащ. Майе ирегъэлъагъу:
– Мис бгым дызэрихьэ бгъуэнщ?агъхэр.
Майе и бзэр къеут?ыпщ.
– Сеплъыну сыхуей, – жи.
– Абы уеплъын щхьа, бгы гъуанэм уихьэу адэ нэс уехын хуейщ, – жи адэ къуэшым. И гугъэщ Майе шынэу щ?егъуэжыну.
– Сешэхи сыгъэлъагъу, – Майе тегушхуэныгъэ хэлъщ. Зи макъ куэдрэ къэмы?у и къуэш быныр къопсалъэ, къолъэ?у – ?эдэм и гур дауэ щабэ къэмыхъунрэ… Сыт абы хэлъыр – езыр апхуэдизрэ зэрызек?уа гъуэгум сабийр и гъусэу ирик?уэным?
– Уделэ уэ? Ар ядэнукъым! – къыжра?э и лэжьэгъухэм.
?эдэм шахтёрхэм я унафэщ?ым бгъэдохьэри йолъэ?у и хьэщ?э ц?ык?ур шахтэм щ?ригъэшэну.
– Хьэуэ, сыкъащ?эмэ, сы?уагъэк?ынущ. Мыр сабий теуп?экъым, уи жагъуэ умыщ?, – къыжре?э.
?эдэм щ?элъэ?уар къызэрыхуамыщ?ам къытригъэхьат, сабийми щыук?ытэ хуэдэт, къызэригъэгугъар хуищ?эжыфтэкъыми. Хуейт мо хъыджэбз махэ, гуащ?эмащ?э ц?ык?ур игъэгуф?эну, игъэгушхуэну, гукъыдэж иритыну. Сытым къыхэк?ми, Майе щеплък?э, ?эдэм и гур пихырт. Езыри къыхудоплъей:
– Сеплъыну сыхуей…
Л?ыр зэуэ къогуф?эж:
– Къэсщ?ащ сщ?энур!
Лэжьак?уэхэр къезышэк? шофёрым йолъэ?у шахтэжьым нигъэсыну, модрейми куэдрэ зригъэлъэ?уакъым, жыхуи?ар хуищ?ащ. ?эдэм ф?ыуэ ец?ыху щ?ып?эр, лэжьэн щыщ?идзам а шахтэжьырат мывэ къыщ?эхып?эу щытар.
– Ауэ дыщ?ыхьэу дыкъыщ?эк?ыжынуращ, куэдрэ узыпэдгъэплъэнукъым, – жре?э къэзышами, ?эдэм сабийм и ?эпэр и?ыгъыу къыр гъуанэм щ?охьэ. К?ыф?ым зэрынэсу нэхурыдзыр щ?игъэнащ. Арыншамэ зыри ялъагъунутэкъым…
Мыбы щылэжьауэ щыта ц?ыхухэм я пщ?энт?эпсу мывэмрэ пшахъуэмрэ зыщ?афар Майе къыщ?ехьэ. Щ?ым езым и мэмрэ къыхэк? псы?агъэмри зыхещ?э. Щ?ыр, ц?ыхур, абы и пщ?энт?эпсыр – мыхэр зэпхащ, Майе ар зэрегъэзахуэ, ауэ хужы?эркъым. Куэд къыгуро?уэ, и щхьэм щызек?уэ къомымрэ и гум зэригъэзахуэмрэ ирагъэш, и гуащ?эр щ?ах.
– Мис мыращ ди шахтэжьыр. Иджы нет?э дызыщ?амыгъэхьам дагъэ?эпхъуащ. Плъагъурэ мыр зэрыкуур, зэрык?ыхьыр? Мис а къомыр уадэ защ?эк?э шахтёрхэм къраудауэ аращ. Мыбы мывэу щ?ашар куэд дыдэ мэхъу. Ахэр ик?и лъап?эщ. Хъугъуэф?ыгъуэу жып?э хъунущ.
Майе и адэ къуэшым йода?уэ, абы жи?эр езыр зыщыгъуазэ гуэру къыщохъу, ауэ зыри пидзыжыркъым.
– Нак?уэ иджы, гуащэ ц?ык?у, дыщ?эк?ыжынщ, – жи ?эдэм. Абдежым и нэхурыдзыр мэунк?ыф?. Зэридзэ хуэдэу ищ?ащ, теу?уащ, ауэ къэблэжтэкъым.
– Гуащэ, мы си джанэ к?апэр убыди сы?ыгъ, умышынэн хуэдэу, сэ мы нэхурыдзым и уэздыгъэр къик?уэтауэ аращи, ис?уэнт?эжынщ.
?эдэм пэщэщэн иухыу нэхурыдзыр щыщ?игъэнэжам, Майе джанэ к?апэр и?ыгъыжтэкъым, гъунэгъууи щы?этэкъым. Хъуреягъым нэхур трегъапсэ, шахтэм нэхъ куууэ щ?охьэ, къок?уэтыж, маджэ, ауэ хъыджэбз ц?ык?ур къыпэджэжыркъым. Жэрыгъэк?э къыщ?ожри, и бгыр щ?игъэщэтауэ маршынэм илъ шофёрым йожал?э, арщхьэк?э Майе къыщ?эк?ыжакъым, хьэуэ, хьэуэ, дэнэ к?уами, сабийр шахтэм и к?уэц?ым щы?эщ.
– Мыр сабий здэпшэ хъун щ?ып?э, сыт мыгъуэм щхьа уигу къэк?а ар? Л?от-т?э къолъэ?ум, сабийм жи?эу хъуар хуэпщ?эн хуейкъым!